21-05-2026

Тщыгъупщакъым 🤲 На этом видео — наши братья из диаспоры. Мы помним. Мы едины. 21 мая — День памяти и скорби жертв Кавказской войны. Память о наших предках жива. Нас, черкесов по всему миру, объединяет общая боль, общая история и любовь к нашему наследию — языку, культуре и традициям, которые должны жить и передаваться новым поколениям, в какой бы точке земли мы ни находились. Ди тхыдэр дджыуэ, ди блэкӏар тщымыгъупщэу, ди къэкӏуэнум дигъэгугъэу, дызыщыгугъыр дэхагъэу, нэхъыжьыфӏхэр диӏэу, дифӏ дгъэлъапӏэу, щӏэблэм дигъэгуфӏэу, гъэ минкӏэ лъэпкъым и бзэр ӏурылъу, и фащэ и хабзэ зэихьэу, псэуну, щыӏэну, ефӏакӏуэну Тхьэм жиӏэ. ***** «УЗ» Стащ Издин (Хишней, Сирия) Уз lеищэ къызоузыр, Къызоузри — сегъэгызыр. Пхъэхым хуэдэу сызэпехыр, Къысхыхьэху сегъэгулэзыр. Къызэузми си гуапэт , Срищlыкlми, сфlэлъапlэт. Си лъэпкъ мащlэр зы хъужам, lуащхьэмахуэ тлъагъужам. Уэ си узу, бетэмал, Хыумыгъэщlыт зы мэскъал. Адыгэ псоми иреуалlэ, Псори зы щlыпlэ дыщызэшалlэ. Зэузу хъум — заlэтынщ, И хущхъуэгъуи къагъуэтынщ. Си лъэпкъ мащlэр зы хъужынщ lуащхьэмахуи тлъагъужынщ. Гъуэгу нэхъыфlым дытешэж, Мыхъумыщlагъэм дыхэшыж. Адыгагъэр къызэузми, Цlыху пэжагъыр зэдгъэузми. Зэрыцlалэми а узыр, Дыхъужынут зэуэзэпсэу: Ди лъэпкъ мащlэр зы хъужамэ, lуащхьэмахуэ тлъагъужамэ. #ЧеркесФМ

0/0


0/0

0/0

0/0

0/0