Адыгэ уэрэдыжь | Къардэнгъущӏ Зырамыку - Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэ (псалъэхэр щӏэтхауэ)

Аватар автора
Carbatay
ТЕКСТ: Кавказышхуэ гущэмэ и къуршхэри, Уэр, мы дунеишхуэ гущэмэ и тажи! Тэджэлейхэр ящыгъгуэрэ Адыгэу исхэр щызокӏуэ! Тэджэлейхэр ящыгъгуэрэ, Уар, адыгэу ис гущэхэр щызокӏуэ! Зекӏуэлӏуэ щауэхэм Хуарэ ӏэдэжхэр зэрашэ! Уар, зекӏуэлӏуэ щауэхэм, Уар, хуарэ ӏэдэж гущэхэр зэрашэ! Дзэшхуэр зезышэрэм Вагъуэшхуэ лыдыр и гъуази! Уар, дзэшхуэр зезышэрэм, Уой, вагъуэшхуэ лыд гущэхэр и гъуази! Шу гъуазэ диӏэхэм Гъуазэпщӏэ ӏыхьэхэр хухахи! Уар, шу гъуазэу диӏэхэм, Ар, гъуазэпщӏэ ӏыхьэ гущэхэр хухахи! Хы щӏыб къикӏауэрэ Тыркужьхэм я дзэхэм дозауэ! Уор, хы щӏыб къикӏауэрэ, Уар, тыркужьхэм я дзэ гущэмэ дозауэ! Тыркужь зауэлӏхэмэ Ди ныбэрылъхэр кърадзи! Уар, тыркужь зауэлӏхэмэ, Уай, ди ныбэрылъ гущэхэр кърадзи! Сабий кърадзхэри Тыркужьхэм я хьэхэм ныхуадзи! #КъардэнгъущL

0/0


0/0

0/0

0/0