Адыгэ уэрэд | Иуан Владимир - Фӏылъагъуныгъэ щымыӏатэм (псалъэхэр щӏэтхауэ)

Аватар автора
Carbatay
ТЕКСТ: И лъабжьэр щӏылъэм хэмытамэ, мо жыгыр сытым щӏиӏыгъэнт? Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ, гуфӏэу ар сытым хуэгъэгъэнт? Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. Жьапщэр къыкъуэурэ къыхитхъамэ, и къуэпсыр щӏылъэм хэкӏуэдэнт. Е ар гу бампӏэм зэгуитхъамэ, и щхьэкӏэр гъатхэм мыгугъэнт. Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. Уи лъагъуныгъэр мы си гущӏэм дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытам, Къыпэлъэщынтэкъым си гъащӏэм борэни жьапщи зэхэтам. Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ, Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт, Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ, Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт. #щымыLатэм

0/0


0/0

0/0

0/0