Бзэрабзэ Гуп - Хэхэс Адыгэ Макъамэ, Жу Жансурэт И Гъыбзэ (Къайсэрыжьым и истасйоныр)

Аватар автора
Magical Melodies
фэблагъэ.. бзэрабзэ гупым а ямакъ дахэмкlэ хэхэсу шыпсэу адыгэхэм я макъамэ дахэр дыдэlуэнс.. Дыщэплъыр данлъэк1 къыщысщ1к1эрэ сэрмыгъуэ, бзыущхьэу хызогъэзагъэр. П1эщхьагък1э зи гу мызэгъахэри, сэрмыгъуэ, дунейк1э жыхьэнэмыгъэ. Къайсэржьым истасйоными сэрмыгъуэ, маф1эгур щызэрызошэр, Зэпылъу зэрымышахэри, сэрмыгъуэ, дунейк1э жыхьэнэмыгъэ. Жыжьэурэ, укъысхуэувыурэ, сэрмыгъуэ, тэрмэшк1э укъызопсалъэ, Гъунэгъу дызэпсалъатэмэ, сэрмыгъуэ, ди 1охухэр тхузэф1эк1ынут. Къайсэржьым, фи фабрикэжьхэми, сэрмыгъуэ, Щ1эк1ышхуэ, къыщыщ1агъэк1ыр, Ди 1эхур, тхузэф1эзгъэк1ыми, сэрмыгъуэ, ахърэтым жэнэтыр етий. Данурэ, си щхьэцыгъуэшхуэри, сэрмыгъуэ, п1э лъап1эм щызогъэлъалъэ, Нэпсурэ къезгъэлъэлъэхурэ, сэрмыгъуэ, си благъэм фи гуэныхь щ1ап1э. Данурэ, си щхьэцыгъуэшхуэри, сэрмыгъуэ, мажэдьэм схуизэгуимыхт жи, Пхъэхк1эрэ сызэгуэпхынуми, сэрмэгъуэ, а щ1алэр си гу имык1ыну. Къайсэржьым, фи уэздыгъэшхуэхэр, сэрмахуэ, нэху дахэу къызэк1эщ1ылъонэр, А щ1алэр, си гу къыщыридзэк1э, сэрмахуэ, алф1ыц1эу...

0/0


0/0

0/0

0/0