Адыгэ ӏуэрыӏуатэ | Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэм Къардэнгъущӏ Зырамыку хужиӏэжар

Аватар автора
Carbatay
Къызэрыщӏэкӏымкӏэ, адыгэм къахэкӏа лӏы лъэрызехьэхэри пащтыхьу щыщыта зэман щыӏащ. Египетымрэ Сириемрэ, адыгэбзэкӏэ жытӏэу щытмэ – Мысырымрэ Щамымрэ, Айубидхэм тепщэныгъэр щаӏыгъа зэманым «мамлук»-кӏэ еджэу дзэ яӏыгъащ. Хьэрыпыбзэкӏэ «мамлук» жиӏэмэ «пщылӏ хужьыдзэ» жиӏэу аращ. А дзэр тыркухэмрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэмрэ къахэкӏат. Мысырымрэ Щамымрэ щытепщэу щыта Айубидхэм пщылӏ щӏалэ цӏыкӏухэр къащэхурти, ин хъуху зауэ ӏуэхум хуагъасэрт, ин хъуа нэужь я дзэм хагъыхьэрти, игъащӏэ псэукӏэ я хъумакӏуэу, яхуэзауэу щытын хуейт. Апхуэду илъэс куэдкӏэ екӏуэкӏа нэужь 1250 гъэм я тепщэ Айубидхэр традзри, езы мамлукхэм тепщэныгъэр яубыдащ, езыхэм къахэкӏауэ пащтыхьхэр тахътэм трагъэтӏысхьэурэ, илъэс 250 щӏигъукӏэ тепщэныгъэр яӏыгъащ. А зэманым и кӏуэцӏкӏэ абыхэм пащтыхь куэд зэблахъуащ, абыхэм адыгэ пащтыхь куэд яхэтащ. Адыгэхэм ящыщу япэу пащтыхьу теувауэ щытар Бэрокъуэщ. Ар теувауэ щытащ 1382 гъэм, илъэсиблкӏи тетащ. Абы иужькӏэ абы и къуэ Сэйфудин 1390 гъэм къыщыщӏэдзауэ 1399 пщӏондэ тетащ. Итӏанэ Бэрэсбий 1422 къыщыщӏэдзауэ 1438 гъэ пщӏондэ тетащ. Сэйфудин и щӏэблэхэм ящыщу Инал тетащ 1453 къыщыщӏэдзауэ 1461 гъэ пщӏондэ. Иужь дыдэу тетахэм ящыщу адыгитӏ яхэтащ. Къанщауэгъур 1501 гъэм теувэри 1516 гъэ пщӏондэ тетащ. Тумэнбей иужь дыдэ адыгэ пащтыхьу теуващ. Тумэнбей зы илъэс иримыкъу тетауэ, Тырку пащтыхь Сэлим II зауэ ирищӏылӏэри, мамлукхэр зэтриукӏащ, Тумэнбей и щхьэр Мысыр и дыхьэпӏэм деж щыпилъащ. Мамлукыдзэм хэта адыгэхэр гущӏэгъуншэу зэтраукӏащ. Дауи, уэрэдыр а...

0/0


0/0

0/0

0/0