Адыгэ уэрэд | Уэтэр Анатолий - Гум и уэрэд | Circassian song | Çerkes Müziği

Аватар автора
Откуда и как делать это у себя на кухне
ТЕКСТ: И гур къабзэу, и бзэр ӏэфӏу, Фӏыгъуэр дыгъэу и ӏэпэгъуу, Лӏыгъэр и бэу, дунейр уэфӏу, Цӏыхум цӏыхум и гур щӏэгъуу. Уойра-уорира, уойра-уорира, Къырахь гъащӏэр зэныбжьэгъуу. Гум къыришу и уэрэдыр, Бгъэм къыщеуэу сыхьэт бзэпсу, Фӏым ятхьэкъуу и мурадыр, И бзэр къабзэу, зэнзэныпсу. Уойра-уорира, уойра-уорира, Фыпсэут цӏыхухэр зэнэзэпсэу. Псалъэ гуауэ гум имылъу, Гур зыщыплъэм лъэр лъэщӏысу, Зы нэщхъ ӏейкӏэ дызэмыплъу, Цӏыхур цӏыхум и гунэсу. Уойра-уорира, уойра-уорира, Къэдвгъэгъащӏэт гъащӏэр бзэпсу. Зы гуфӏэгъуэр псэум яӏэту, Лъакъуэр лъакъуэм пэщӏимыдзу, Цӏыхум цӏыхум ӏэр ириту, Гур мыбыдэу мывэ кӏанэу. Уойра-уорира, уойра-уорира, Едвгъэхьэкӏыт дунейр гъатхэу. Гум уз зэикӏ иремыщӏэ, Цӏыху щымыӏэ гъащӏитӏ иӏэу, Имыщӏэнри иремыщӏэ, "Схузэфӏокӏыр нобэ" жиӏэу. Уойра-уорира, уойра-уорира, Псэр фӏэмыфӏу цӏыху щымыӏэ. Гуитӏ щимылъкӏэ цӏыхум и бгъэм, А зыр, маржэ, фхъумэ, фхъумэ, Нитӏыр жану плъэмэ жьыбгъэм, Цӏыхум и псэр ем щехъумэ. Уойра-уорира, уойра-уорира, Маржэ, фи гур сакъыу фхъумэ. Зэрытхьэщӏым ӏэр зэрощӏэ, Гурэ гурэ лъагъуэ яӏэщ, Цӏыхум цӏыхум фӏы хурещӏэ, Дэрэжэгъуу ар дэ диӏэщ. Уойра-уорира, уойра-уорира, Зи гур къабзэм насып иӏэщ.

0/0


0/0

0/0

0/0