Пшынэ фӏыцӏэм къафэр къыреш

Аватар автора
Адыгэ пшынэ
Уэрэд жыпӀэурэ адыгэбзэр зэгъащӀэ: Пшынэ фӏыцӏэм къафэр къыреш Пшынэм и макъыр зэхэзмыхам, Джэгур щекӏуэкӏым сыдэмыхьам, Дызэблэкӏынут, дызэблэкӏынут, Джэгур щекӏуэкӏым сыдэмыхьам. Ежьу: Пшынэ фӏыцӏэм къафэр къыреш, Пщащэ дахэр щауэм къыдеш. Къэбзащэщ нэгур, мэлъалъэр ӏэгур, Уей-жи, доджэгур, уей. Ежьу Пшынэм и макъыр зэхэзмыхам, Гушыӏэ хъуэрыр къызомыдзам, Дызэблэкӏынут, дызэблэкӏынут, Гушыӏэ хъуэрыр къызомыдзам. Ежьу Пшынэм зы лъагъуэ дытришат, Гъащӏэр зы тщӏыну дызэхуишат, Дызэблэкӏынут, дызэблэкӏынут, Дызэблэкӏынут пшынэр мыхъуам. Ежьу ----------------------------------------------------------------------------- Уэрэдыр зытхар - Жьакӏэмыхъу Ж

0/0


0/0

0/0

0/0

Скачать популярное видео

Популярное видео

0/0