Нанэ - ЩоджэнцIыкIу Алий

Аватар автора
Стихи и Лепреконы
усэр зэрэджэр КIылар Баяр / макъамэ Şinah&Betül Bilgin Уэ пщIэрэ уи щIалэ цIыкIур Хы Iуфэм щепэзэзэхыу? ЩIыпIэ хамэм анэ-адэншэу Къуршыжьхэм ар къыхуэбанэу? ЩыIэкъым мыбы зы махуи Iуащхьэмахуэ сигъэлъагъуфу, ЩыIэкъым мыбы зы ани, Нанэ, уэщхьу Iэ къыздилъэфу. Щыхьэрщ… и лъабжьэр тенджызу, Гызыжу кхъухьхэр къепщылIэу, Хьэпшыпхэр плIэкIэ кърахыу, Ферс фIейкIэ напэр щалъэщIу. Си нанэ, а хьэлъэзехьэхэрщ НобэкIэ къызэдэхащIэр, «Зеиншэщ мы хъарып цIыкIур», — ЖаIэурэ Iэ къыздэзылъэр. Апхуэдэхэм я Iэгухэр пхъашэми, Си щхьэфэм щабэ къохъуэкIыр, Анэбгъэм си Iэр пэжыжьэми, Гужьеигъуэм абы сыхашыр. Нанэ, фIыти сыкъыумылъхуамэ, Бэлыхьхэми ухэзмыдзамэ, Зедзэну уи щIалэ цIыкIур Къэмыхъуу е лIэжыгъамэ. Сыт къуаншагъэу, Тхьэ, уэзлэжьауэ Дунейм пцIанэу сыщIытебдзар? Дзы имыIэу нанэ тхьэмыщкIэми Нэпс щIигъэжу къыщIэбгъэнар? Ара уэ узэрызахуэр, — Сабий гъыбзэр зэхыумыщIыкIыу, ПхъэнкIийхэм ар щыхэжаекIэ Ныбэизхэр щыбгъэдыхьэшхыу? Умыдзыхэ, си нанэ дыщэ, ЛIы ищIынщ уи къуэр IэштIымым, Зэман кIэщIкIэ ар нэкIуэжынщи Щыплъэжынщ Бахъсэн аузым. 1917г #ЩоджэнцIыкIуАлий

0/0


0/0

0/0

0/0