Адыгэ уэрэд | Сосмакъ В., Уэтэр А. - Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? (псалъэхэр щӏэтхауэ)

Аватар автора
Carbatay
ТЕКСТ: Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? – А жэуапым сехь, Сыт гухэлъыр щӏэхъур мафӏэ, Гугъэр хъуауэ кӏыхь? Лъагъуныгъэм и зэ плъэгъуэр, Жаӏэр мафӏэ бзийу, Мазэ ныкъуэр и дахагъми, - Псынэ щӏыӏэу дийу. Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? Пщащэ тхьэӏухуд? Псэми гуми я хъуэпсапӏэ, Налъкъут щыгъэу лыд? Лъагъуныгъэр гъатхэщ, мазэщ, Дыгъэ къуэмыхьэжщ, Ар зыхъумэм къыщыбжиӏэрщ: «Си псэ закъуэр уэрщ». Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? – Хэт ар жиӏэфа? Хы толъкъуну къэукъубийми Хэт пэлъэщыфа? Лъагъуныгъэр гум щигъафӏэр Пщащэр гумащӏамщ, Гухэ нэпсхэр псэм фӏэӏэфӏу Нэхэм къащекӏуарщ. Сыт зищӏысыр лъагъуныгъэр? – Си гум мафӏэ илъщ, Зы мэскъал нэхъ мыхъуми фщӏэмэ, Жыфӏэр си гухэлъщ. Лъагъуныгъэм и хуабагъым Дунейр и къарущ, Ар мыпэжмэ, си псэ закъуэ, Мафӏэр щхьэ сщӏэна.

0/0


0/0

0/0

0/0