Адыгэ уэрэд | Къардэнгъущӏ Зырамыку - Си къэшэн (псалъэхэр щӏэтхауэ)

Аватар автора
Хореографический прогресс
ТЕКСТ: Бадзэуэгъуэ дыгъэм щӏыгур къигъажьэу Жьэражьэу уэгум къыщиувакӏэ Зиӏэтрэ ӏуплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэупщӏыӏури сэ си къэшэнщ. Тенджызыр губжьрэ тенджызыр къиурэ Къэукъубияуэ щызэрызехьэкӏэ Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ зыгъэукӏытэу Зыгъэувыӏэри сэ си къэшэнщ. Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхь кӏыхьыгъуэм Аргъынэм ӏуту езылъэщӏэкӏхэм Ягу къыщыридзэкӏэ шэмэдж дэдзэнхэр Ящызыгъэгъупщэри сэ си къэшэнщ. Мэлыхъуэ цӏыкӏухэу къущхьэхъум тесхэу Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэӏэсхэм Я гъуэмылашэр щалъэӏэсыжкӏэ Къызэреупщӏри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыӏуэхущэу Гупэ уэрамымкӏэ зыщыблезгъэхкӏэ Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ. Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елӏауэ Лӏы гуп зэхэсым къащыӏурыплъэкӏэ Зи гугъухэр ящӏ пэтми яхуэмыухыу Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ. #Къардэнгъущl

0/0


0/0

0/0

0/0