"Хэт нэхъ лъэщ?" - адыгэ таурыхъ.

Аватар автора
Building Worlds That Wow
Таурыхъым къоджэ Хьэбэз Лицейм щеджа сабийхэр ХЭТ НЭХЪ ЛЪЭЩ? Зы зимы1эм выжьит1 и1эти, кърихуэк1ыурэ мылым трихуащ. Ц1антхъуэри выжьит1ым и бжьэр триудащ. - Уа мыл, улъэщ-улъэщ? - еупщ1ащ зы зимы1эр мылым. - Сылъэщмэ, дыгъэм сегъэтк1ури, - жи1ащ мылым. - Уа дыгъэ, улъэщ-улъэщ? - еупщ1ащ дыгъэм зы зимы1эр. - Сылъэщмэ, пшэм сыщ1елъафэри. - Уа пшэ, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, уэшх къысф1ошхри. - Уа уэшх, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, щ1ым сызыщ1ефри. - Уа щ1ы, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, удз къысф1ок1ри. - Уа удз, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, мэлым сехъури. - Уа мэл, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, пщым сешхри. - Уа пщы, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, си щ1опщ тхьэмпэр дзыгъуэм сф1егъури. - Уа дзыгъуэ, улъэщ-улъэщ? - Сылъэщмэ, джэдум сешхри. - Уа джэду, улъэщ-улъэщ? - Ахьейми сылъэщ: зэгъунэгъуибгъум я шатащхьэр яф1ызошхри гуащэм и дарий щхьэнтэм сыщожей, - жи1ащ джэдум.

0/0


0/0

0/0

0/0