Адыгэ ӏуэрыӏуатэ | Адыгэ пащтыхьхэм я гъыбзэм Къардэнгъущӏ Зырамыку хужиӏэжар

Къызэрыщӏэкӏымкӏэ, адыгэм къахэкӏа лӏы лъэрызехьэхэри пащтыхьу щыщыта зэман щыӏащ. Египетымрэ Сириемрэ, адыгэбзэкӏэ жытӏэу щытмэ – Мысырымрэ Щамымрэ, Айубидхэм тепщэныгъэр щаӏыгъа зэманым «мамлук»-кӏэ еджэу дзэ яӏыгъащ. Хьэрыпыбзэкӏэ «мамлук» жиӏэмэ «пщылӏ хужьыдзэ» жиӏэу аращ. А дзэр тыркухэмрэ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэмрэ къахэкӏат. Мысырымрэ Щамымрэ щытепщэу щыта Айубидхэм пщылӏ щӏалэ цӏыкӏухэр къащэхурти, ин хъуху зауэ ӏуэхум хуагъасэрт, ин хъуа нэужь я дзэм хагъыхьэрти, игъащӏэ псэукӏэ я хъумакӏуэу, яхуэзауэу щытын хуейт. Апхуэду илъэс куэдкӏэ екӏуэкӏа нэужь 1250 гъэм я тепщэ Айубидхэр традзри, езы мамлукхэм тепщэныгъэр яубыдащ, езыхэм къахэкӏауэ пащтыхьхэр тахътэм трагъэтӏысхьэурэ, илъэс 250 щӏигъукӏэ тепщэныгъэр яӏыгъащ. А зэманым и кӏуэцӏкӏэ абыхэм пащтыхь куэд зэблахъуащ, абыхэм адыгэ пащтыхь куэд яхэтащ. Адыгэхэм ящыщу япэу пащтыхьу теувауэ щытар Бэрокъуэщ. Ар теувауэ щытащ 1382 гъэм, илъэсиблкӏи тетащ. Абы иужькӏэ абы и къуэ Сэйфудин 1390 гъэм къыщыщӏэдзауэ 1399 пщӏондэ...

0/0


0/0

0/0

0/0